Русские видео

Сейчас в тренде

Иностранные видео


Скачать с ютуб Мыващхъуэк1анэ Хьэтусас в хорошем качестве

Мыващхъуэк1анэ Хьэтусас 1 год назад


Если кнопки скачивания не загрузились НАЖМИТЕ ЗДЕСЬ или обновите страницу
Если возникают проблемы со скачиванием, пожалуйста напишите в поддержку по адресу внизу страницы.
Спасибо за использование сервиса savevideohd.ru



Мыващхъуэк1анэ Хьэтусас

‪@mole_video‬ МЫВАЩХЪУЭ КIАНЭ Нарт лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым адыгэхэм къыддокIуэкI тхьэрыIуэ псалъэ «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ» жыIэкIэр. Илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь Нарт пшыналъэм ущрохьэлIэ Сосрыкъуэ иш Тхъуэжьей мыпхуэдэу къыжыриIэу: «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ сэ шы сыпхуэхъункIэ». Абы нэмыщIи Сатэней гуащэрэ Лъэпщрэ зэрызыщыхьам теухуауэ къаIуэтэжым ущрохьэлIэ «… Вакъуэ-Нанэ IуегъэзыкIыжри кIуэм-лъэурэ Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэм хуозэри йолъэIу: - Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, щхьэузыхь сызыхуэхъун! Си пхъуырылъхур схуэгъэIущ, схуэущий! Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ къепсщ, къэхъуэпскIри IукIыжащ …». ЗанщIэу къыхэзгъэщыну сыхуейт мыбдеж «къепсщ къэхъуэпскIри» жыхуиIэр дыгъэр къопс уафэр мэхъуэпскI еплъыкIэу къызэрыбгуырыIуэн хуейр. Нобэр къэсыху дыщегупсыс къэхъурт Мыващхъуэ кIанэм, нэкIи дытемыплъауэ икIи дымылъэгъуауэ, ауэ ди бзэм хэту къыдекIуэкIар щыIэ гуэр хьэмэрэ къагупсыса жытIэу зыхуэтхьынур дымыщIэу. Ауэ а Мыващхъуэ кIанэр Анадолэм, нобэ Тырку къэралым щыIэ къалэжь ,Хьатусэ Хьатхэм я къалащхьэу щытам, дэлъу къыщыдгъуэтыжым куэдыр и пIэ иувэжащ икIи тхыдэми IуэрыIуатэми теухуауэ дэркIэ куэд нэхъ зэIубз къищIащ. Тхыдэтххэми, щIэныгъэлIхэми щыжаIэ щыIэщ Хьатхэр Адыгэ-Абазэ лъэпкъхэм я къуэшу, я бзэри зы лъабжьэу щытауэ. Ар щIигъэбыдэжу ди IуэрыIуатэми зыгуэрхэм ущрохьэлIэ. Нарт пшыналъэм къыхэщу IуэрыIуатэм хэтхэм нэмыщIи Iуэху ублэ хъуэхъуу ди хъуэхъужьхэм мыпхуэдэу къыщригъажьэ къохъу: Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ! Анэдолэу дыщэ къуэладжэ! Iэ ижькIэ дыгъэублэ, Iэ самэгукIэ дыгъэух …хъуэхъум пещэ Мыващхъуэ кIанэр нобэ здэщыIэри мы хъуэхъум зи гугъу ищI Анэдолэу дыщэ къуэладжэу Хьатхэр щыпсэуа щIыпIэращ. Ар сэ къызэрызгурыIуэр, илъэс мин бжыгъэ ипэ Адыгэ-Абазэ лъэпкъымрэ Хьатхэмрэ зэрыщIэу зэдэпсэуауэщ, я щIы кIапэ зэпылъу, зэкIэлъыкIуэу, нэгъуэщIыу жыпIэмэ, зы Нарт хэкуу. Хьат щIыналъэр яубыда иужь, хуэмурэ зэпэIэщIэ дыхъуами, Мыващхъуэ кIанэр абдеж зэрыщыIэр дымыщIэжами, IуэрыIуатэм хэту ди бзэм ихъумащ. Муслъимэн дин Тхьэ IуэкIэхэр нобэ ди бзэм нэхъ къыхыхьауэ хэтми, нэхъыбэу нанэхэм «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ» е «Уащхъуэ къану Мыващхъуэ кIанэ» тхьэрыIуэкIэхэр иджыри жаIэу щызэхэпх къохъу. Игугъу сщIыну сыхуейт тхакIуэ Iэзэ, адыгэбзэр фIыуэ зыгъэубзэрэбза IутIыж Борис и пьесэм къыхигъэща пычыгъуэ: «-Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ! ПхуызощIыр сэри быдэу мы Тхьэлъанэр. Мы гъащIэ хышхуэм дэнэ симыдзами, Псэлъыхъу екIу дапщэм гу къысхуамыщIами, Уэ зэи, зыкIи, хэткIи усхъуэжыну, ГукъэкI сэзыгъэщIын къэмыхъуыфыну!» Иджыри зы фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт Андемыркъан теухуа IуэрыIуатэм хэтым. Ар гъапцIагъэкIэ Iэщэ пцIанэу укIыпIэм щырашам, иужь псалъэу мыпхуэдэу жиIэжар: - Сэ фэ гъуамэхэр си гущIыIу физмыгъэплъэнкIэ, Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, - ЖиIэри и сагъындакъыр и пщэм пэщIигъэкъуащ, Лъэбакъуэхъуу уври щыту и псэр хигъэкIащ. Нобэр къэсыху Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэкIэ Тхьэ яIуэмэ, абы епцIыжын шынэхэт, апхуэдэу Тхьэ яIуатэмэ дзыхь хуэпщI, шэч къытомыхьэ хъунут апхуэдизкIэ а Мыващхъуэ кIанэм фIэлIыкIхэти пщ1э хуащ1ти. Мыващхъуэ кIанэ щIыжаIэр гурыIуэгъуэ мэхъу езы мывэр плъагъумэ. Ар и плъыфэкIэ щхъуэщ и теплъэкIи кIанэщ. Ауэ нобэ пыухыкIауэ жыпIэ хъуну сщIэкъым Уащхъуэ псалъэм къикIыр. Хьатхэм елэжьхэм зэрыжаIэмкIэ, Уащхъуэ псалъэр Тхьэм и цIэу Хьатыбзэм хэту къокIуэ, нэгъуэщI щIэныгъэлIхэми Убыхыбзэм апхуэдэу къикIыу а псалъэр хэтауэ ятхыж. ЩыIэщ Уащхъуэ псалъэр уафэ-щхъуэ (щIыху) жызыIэхэри. Адыгэбзэри, Абазэбзэри, Хьатыбзэри фIыуэ умыджыжауэ, уримыплъэжауэ Уащхъуэм къикIыр жыпIэу нобэкIэ уежэжьэныр мыхъуну къызолъытэ. Мыващхъуэ кIанэр пымыту «Уащхъуэу си Тхьэ мыгъэпцI, згъэпцIымэ сыкIуэцIыригъэз», е «Уащхъуэу си къан», е «УащхъуэкIэ соIуэ» … тхьэрыIуэкIэхэри хэтщ ди бзэм. Сэ сызэреплъымкIэ, сэ сыадыгэщ жызыIэ дэтхэнэ зыми, и лъэпкъым и блэкIам пщIэ хуэзыщIыжым и гупсысэм увыпIэ куу, хуэфащэ пщIэ щигъуэтыжын хуейщ Мыващхъуэ кIанэм, илъэс мин бжыгъэ хъуауэ ди бзэм хэту къыддекIуэкIым. Хэкум щыщу зы гуп дыкIуэурэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэри, нэгъуэщI къэрал щыпсэу адыгэхэри дызэгъусэу 20I4 гъэм щыщIэдзауэ Хьэтусэ къэлэм, Мыващхъуэ кIанэ здэщыIэ щIыпIэм ТхьэлъэIу щIын щедгъэжьащ, абдеж Тхьэм тыхь щыхудощI, адыгэ лъэпкъым хуэгъэза хъуэхъухэмкIэ Тхьэ дыщолъэIу. Мыбдеж сыхуейт пхэнжу къагурымыIуэну, езы Мыващхъуэ кIанэм делъэIу хуэдэу. Мыващхъуэ кIанэр здэщыIэ Хьат щIыналъэу Анадолэу дыщэ къуэладжэм адыгэбзэкIэ Тхьэм дыщелъэIуу аращ лъэпкъым хуэгъэза хъуэхъухэмкIэ. Хьэгъэжей Беслъэн

Comments